Адыгэбзэр щыбзэрабзэм
Адыгэпсэр щымыжей,
ЗымыщIэжыр анэм и бзэр
ГъащIэм куэдрэ щогужьей.

Джэрыджэ Арсен

Сэлам гуапэ удох, ди ныбжьэгъу ныбжьыщIэ!

Мазищ зыгъэпсэхугъуэм тIэкIу дызэпэIэщIами, нобэ
дыгуфIэу дызэрыгъуэтыжащ. Уи анэдэлъхубзэ дахэмкIэ
тха тхылъхэм иджыри щIэуэ зы къыхэхъуащи, ар чэнджэщэгъу нэс пхуэхъуну дыщогугъ.
Адыгэбзэр псалъэ къудейкъым, атIэ лъэпкъ гупсысэкIэщ. Абы щызэхуэхьэсащ укъызыхэкIа лъэпкъым и
Iущагъ куэд. Ахэр уэ нэхъ наIуэ пщыхъуурэ кIуэнущ,
бзэм и щэхухэр нэхъыфIу къэпщIэху.
Адыгэ псалъэжьым жеIэ: «Бзур къызэрыпщIэр и
макъщ, цIыхур къызэращIэр и псалъэрщ». Дэри дыхуейщ узэрыадыгэр, лъэпкъ дахэм узэрыщыщыр уи
псэлъэкIэмкIэ, бзэр зэрыбгъэшэрыуэмкIэ сытым щыгъуи наIуэу къэбгъэлъэгъуэфыну.

Тхылъыр зэхэзылъхьахэм къабгъэдэкIыу